- зэбгрылэжьыкIын
- (зэбгролэжьыкI) неперех. гл. утратить организованность, спаянность, согласие/ ЗэгурымыIуэж хъун, зэбгрылъэлъын.* {Iэпкълъэпхэр} зыр зым емыдэIуэжу, щхьэж и занщIэкIэ зэбгрылэжьыкIауэ зэгурымыIуэж щыхъум, зэхуэсри зэIущIэ къызэIуахащ, дяпэкIэ зэрыпсэунум теухуауэ унафэ ящIыну. Дыщэ кI. {Нанэ:} - КъэрэндащыпэкIэ тIэкIу яцIэлэф зэрыхъуу, зыIурагъэх, зэбгролэжьыкI цIыхухэр. Ш. А.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.